Kishore Kumar Hits

Jrpjej - Çeref Zalimgeri Yi Wored şarkı sözleri

Sanatçı: Jrpjej

albüm: Şefitse: Circassian Songs of XX Century


Уей, дуней, КIэрэф Хьизар и къуэ
Махуэм законкIэ еIэзат
Тамбий и къуэр уэ къобзэджэкIыурэ
КIэрэф и къуэр уригъэукI мыгъуи
Уей, дуней, уи шы пэхушхуэр
СибгъумкIэ къыщоуджэгурэ
КIэрэф и къуэм удэджэгу мыгъуэу
Налшык къалэ къыдэнэжа мыгъуи
Уей, данэ чэсейфэху джанэри
А махуэм лъыпсмэ къожэхыр
Кэрэф и къуэм уэ уи кIуэдыкIэр, маржэ
Къэбэрдейм я гум къеIа мыгъуи
Уей, дуней, уи шы пэхужьми
А махуэм дахэу зегъазэрэ
Зи насыпмэ зигъэзэжа, гущэ
Ажийхэ Хьэдижат дахэ, мыгъуи
Уей, дуней, кIэрахъуэ фIыцIэри
А махуэм къытхуегъэIуантIэ
МыдэкIэрэ мы утыкушхуэм, маржэ
Уи пащэ къыщоIуэнтIэжри
Уей, дуней, уи шы пэхушхуэм
А махуэм зэ къыщодэжэгурэ
КIэрэф и къуэм удэджэгуау, маржэ
Налшык къалэм къыдэнэжа мыгъуи
Уей, дуней, уи шы пэхужьри
А махуэм умыгумэщIэ
МыдэкIэ пщIантIэ нэщIышхуэм, маржэ
ДыуэщIхэр зэбгрокIыж мыгъуэри

Поcмотреть все песни артиста

Sanatçının diğer albümleri

Benzer Sanatçılar