Kishore Kumar Hits

Jrpjej - Qars Zawem Yi Wored şarkı sözleri

Sanatçı: Jrpjej

albüm: Şefitse: Circassian Songs of XX Century


Урысей топыми, уей
Ди чэр къекъутэркъэ, уей
Урысей топыми, уей
Ди чэр къекъутэркъэ, уей
Мыгъэрей бжьыхьэми фыкъэмык1уэжмэ
Дынэгугъэжкъымэ дэ
Шы щхъуантIэжь цIык1Iури, уей
ЗэрыкIэ мащIэти, уей
Шы щхъуантIэжь цIыкIури, уей
ЗэрыкIэ мащIэти, уей
Къэбэрдей щIалэуэ зи гъащIэр мащIэхэр
Къарс фагъэкIуа мыгъуи фэ
ХьэпцIий хьэнтхъупсми, уей
Фыкъырагъафэри фэ
ХьэпцIий хьэнтхъупсми, уей
Фыкъырагъафэри фэ
Къарсым и губгъуэхэм адыгэ щIалэхэр
Лъы евгъэфа мыгъуи фэ
Сарыкъамышымэ, уей-рау
Шэр къыдолъалъэри, уей
Сарыкъамышымэ, уей-рау
Шэр къыдолъалъэри, уей
Узуняйла шухэри Сарыкъамышымэ
Щелъэлъэха мыгъуи, уей
Мо къуалэбзухэми, уей-рау
Къыздагъэзэжыркъэ, уей
Мо къуалэбзухэми, уей-рау
Къыздагъэзэжыркъэ, уей
КъэвгъэзэжынкIэрэ дэ дыфщыгугъырти
Гугъэр духа мыгъуи дэ

Поcмотреть все песни артиста

Sanatçının diğer albümleri

Benzer Sanatçılar