Kishore Kumar Hits

Hagauj - Circassian Lads şarkı sözleri

Sanatçı: Hagauj

albüm: Electronic Tradition


Губгъуэр зи унэу
Зек1уэр зи хабзэу
Шыщхьэмыгъазэу
Уеуэм къоуэжыу
Джалэм тэджыжыу
Щ1эпхъуэм зэуэк1ыжу
Къуажэр имыбгынэу
Унэр игъэунэу
Анэр игъэлъап1эу
Адыгэ щ1алэ уей
Ди щ1алэгъуалэ уей
Адыгэ лъэпкъыр псэу
Адыгэ хабзэр псэу
Адыгэ щ1алэ уей
Ди щ1алэгъуалэ уей
Губгъуэ тхьэрыкъуэу
1уэхутхьэбзэрыщ1эу
Емылыджыр
Куэпкък1э зэришэу
Л1ыхъум я нэхъ хахуэр Игъэныбжьэгъууэ
Пщащэм я нэхъ дахэр и Дэджэгуэгъууэ
Адыгэ щ1алэ уей
Ди щ1алэгъуалэ уей
Адыгэ лъэпкъыр псэу
Адыгэ хабзэр псэу
Адыгэ щ1алэ уей
Ди щ1алэгъуалэ уей
Бийм зэ щ1эк1иймэ
И гур хуи1уихыу
Бийм зэ щ1эгуоумэ
Т1оу игъэгъуэгыу
Хьет жыригъа1эу
Батэр игъэшыу
Зэш тригъэун щхьэк1э
Шэфийм дэджэгууэ
Жылэр игъэгушхуэу
Зэшхэр иущийуэ
Щауэгъу зи бащэу
Уэнк1э емынэжьу
Адыгэ щ1алэ уей
Ди щ1алэгъуалэ уей
Нэхъыжьым псалъэр ей
Нэхъыщ1эм гъуэгур ей
Адыгэ щ1алэ уей
Ди щ1алэгъуалэ уей
Адыгэ лъэпкъыр псэу
Адыгэ хабзэр псэу

Поcмотреть все песни артиста

Sanatçının diğer albümleri

Benzer Sanatçılar